audio
audioduration (s)
0.36
90.3
text
stringlengths
5
848
Къэрмокъуэ Мухьэмэд
Щихухэр иджыри мэкӀ
Къуажэр зэрыщыту зэхуэсащ жыпӀэнт.
ЦӀыху лӀат.
ЛӀар, хъыджэбзт.
Зи хъыджэбз щӀыфэм цӀыхухъуӀэ еӀусэн дэнэ къэна, цӀыхухъунэ темыплъауэ хъыджэбзт.
И ныбжькӀэ ишэгъуэ блэкӀат, ауэ къыдэнэжатэкъым, атӀэ...
УмыпӀащӀэу къедаӀуи псори къэпщӀэнщ.
КъэпщӀэнщ нобэрей гъатхэ махуэ дахэр дунейм ехыжа хъыджэбзым щӀытепыхьэри, махуэ къэс жыхуаӀэм хуэдэу Акун жылэшхуэм къыдэпхъуэ псэхэхым и Ӏэужь псом я лейуэ мыр къыщӀалъытари.
КъэпщӀэнщ дэтхэнэм и щхьэусыгъуэри, мыдэ дунейм ехыжам и Ӏуэхум зэ яужь ит.
Хьэдэр кхъэм яхь.
Къуажэ уэрамышхуэр цӀыхум иуфэбгъуащ.
Тенджыз уфафэм и толъкъун бзыгъэхэр зыупщӀатэ кхъуафэжьейуэ, дарий щхъуантӀэ зытепхъуа кхъаблэр, мащӀэу щэнауэу, а псом ящхьэщытщ.
Щиху сатырри нэщхъейуэ иужьрей дыдэу къыхуоплъыхыж пщӀантӀэм дах хъыджэбз хьэдэм.
Щиху тхьэмпэ цӀыкӀухэм загъэсысу, абы сэлам ирахыж, щхьэкӀэ псыгъуэ лантӀэхэм загъэшауэ щхьэщэ хуащӀыж.
Уэрамыбгъум къытеува цӀыху Ӏувым я нэр тодие кхъэм яхьым.
— Е тхьэмыщкӀэ цӀыкӀу мыгъуэ, сыту леишхуэ къыплъысат, сыту куэди уи фэ дэкӀа!..
— кӀэлъыжаӀэрт цӀыхухэм, зи иужьрей дуней гъуэгуанэм теувэжа хъыджэбзым.
Кхъаблэм телъ хъыджэбз хьэдэри цӀыхухэм къахэплъэжурэ шхыдэ къыпфӀэщӀырт:
— ЦӀыхухэ, сытыт сэ фэсщӀар, сытыт си зэрану фэкӀар?! Дэнэ фхьа си лъагъуныгъэр?!
Щхьэ игъуэ нэмысу сывгъэлӀа?!
Сэри сыхуейти фэ фхуэдэу мы дуней дахэшхуэм сыщыпсэуну, бзу цӀыкӀухэм я усэ макъым, къурш псынэхэм я Ӏущащэм, ди Бахъсэн уэрым и пыху макъым сыщӀэдэӀуну, си щиху цӀыкӀухэр зэрыдэкӀейр слъагъуну.
— Щыпсэум хъыджэбзым жиӀэу щыта а псалъэхэр иджы къэзыцӀыху псоми я тхьэкӀумэм ит хуэдэт.
ЛӀы Ӏэпщэхэм зэӀэпахыу яхь кхъаблэр щыуфафэкӀэ, и щӀыбкӀэ къеӀэж къыпфӀощӀ «имычэзууэ щхьэ сытефхыжрэ мы дуней дахэшхуэм?» жиӀэу губжьауэ.
Ауэ яхь.
А хабзэм пэувыф къару щыӀэкъым — яхь хъыджэбзыр, яхьам къыздамыгъэзэжым...
ЛӀыжьхэр сатыру еувэкӀауэ хьэдэм жэназы тращӀэ.
Нэхъ щӀалэгъуалэхэр абыхэм я щӀыбкӀэ гуп-гупурэ щызэхэтщ.
ЦӀыху зыбжани хьэзыр ящӀа мащэм щхьэщытщ.
А псом я гупэкӀэ къит щӀалэ закъуэм, хэӀущӀыӀущи зимыщӀу, тхылъымпӀэ Ӏув напэшхуэм зыгуэрхэр епӀэщӀэкӀыу щретхъэ.
ТхылъымпӀэ хужьым тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ къытохутэ сатыру еувэкӀа лӀыжь нэщхъейхэри, я гупэ къилъ кхъаблэри, адэкӀэ зэхэт гупхэри, кхъэ щӀыбым нэхъ пыӀухауэ къыдэт Ӏуащхьэм къытет щӀалэ закъуэри, абы зи ӀумпӀэр иӀыгъ шы пцӀэгъуэплъ уэдыжьри...
— Укъыхукъуоплъыжри, иджыри уигу зэгъакъэ, хьэдэр зи унэ ихуэн! — жаӀэ ягукӀэ мащэм щхьэщытхэм, Ӏуащхьэм тетым дежкӀэ плъэурэ.
— Тефху мо хьэр мобдеж, къытхэвмыгъаплъэ!—жызыӀэпаи къахэкӀащ.
Сыту хъуми, и гугъу ямыщӀу къагъэнэжащи, тетщ щӀалэр Ӏуащхьэм, тепхъуэ хужьыр зытелыдыкӀыу удз щхъуантӀэм хэлъ хъыджэбз хьэдэм и нэр тедияуэ.
Дыгъуасэ ар дыхьат лӀам я пщӀантӀэ, ауэ къыдахужащ.
Иджы МэчрэӀил и закъуэу Ӏуащхьэм тетщ и гукъэкӀыж гупсысэхэм я гъэру, жьы хъуа и шы пцӀэгъуэплъыжьри епэзэзэхыу ӀумпӀэкӀэ иӀыгъыу...
...Куэд щӀащ абы лъандэрэ.
Бахъсэныпс Ӏэджи ежэхащ.
Ауэ итӀани, псори, моуэ иджыпсту хуэдэу, МэчрэӀил и нэгу къыщӀохьэж.
Гъатхэ махуэ щӀэращӀэт ар.
Зи унафэщӀ гъэш фермэр Къущхьэхъу зэрыдэкӀрэ нобэт МэчрэӀил къуажэм къыщигъэзэжар.
И шы пцӀэгъуэплъ дахэ игъафӀэм тхъурымбэ къищӀауэ ар я пщӀантӀэм къыдыхьэжри, уанэр трихынуи хунэмысауэ и шыпхъу нэхъыжьым ипхъу цӀыкӀур гъуэгыу къэсащ.
— Дунэхъужащ, ди Алик псым итхьэлауэ къыхахыжащ...
МэчрэӀил псынщӀэу шым зридзри щӀэпхъуащ.
Ар мажэ къуажэ гъуэгу сабэр и ужьым Ӏэрамэу къинэу, куэбжэхэм къыдэж хьэхэр къыжьэхэлъэу, уэрамым къытегъэщӀа жыг щхьэ баринэхэм мамыру уэрэд щыжызыӀэ бзу цӀыкӀухэр хигъэлъэту...
Бахъсэн Ӏуфэ Ӏут унэм и пщӀантӀэм цӀыхур дэзщи зэщӀогъуагэ.
Фызыжь гуэри мэшхыдэ «сабий хьэдэр хъыджэбзыжь цӀыкӀум зревмыгъэлъафэ» жеӀэри.
МэчрэӀил цӀыху Ӏувыр кӀуэцӀритхъури псым къыхахыжа сабийм бгъэдыхьащ.
Ар къипхъуэтэну щыхуежьэкӀэ «уэри зэран умыхъут», — жеӀэри хъыджэбз нэ фӀыцӀитӀыр ткӀийуэ къыжьэхоплъэ.
Хъыджэбзым сабийр зэрегъэдзэкӀ, и Ӏэхэр зэрегъакӀуэ, и бгъэр ешытӀэ.
Сабийм и псэ хэмыкӀам абы игури къыдоуэж, и Ӏупэхэр къопӀэжьэжьэж, хуэмурэ и нэр къызэтрех...
— Мыбы иджыри пӀалъэ къыхэмыкӀыу дохутыр егъэплъын хуейщ, — жиӀэу Алмэжан пщӀантӀэм къыдокӀыжри ауэ мыжыжьэу щыпсэу и шыпхъу нэхъыжь хьэщӀэу зыхуэкӀуэм я унэмкӀэ еунэтӀ, и щыгъын псыфыр зыкӀэрыпщӀа и Ӏэпкълъэпкъ лантӀэ дахэми, абы къеукъуэдиеха и щхьэц Ӏув кӀыхьми МэчрэӀил и нэр зэрытенари имыщӀэу...
А махуэм ежьащ цӀыху гъащӀэр зытекӀуэда лъагъуныгъэр.
МэчрэӀил итхьэкъуат нэ фӀыцӀэ лыдым.
Сабий ныкъуэлӀэм тегужьеикӀауэ ябгэу къыщыхущӀэплъами а нитӀым я бзийр щӀалэм и гум зэпхидзат.
МэчрэӀил и гур тепыӀэжыртэкъым, я унэ щӀэхуэжыртэкъым.
Къущхьэхъум зэрыкӀуэжын хуейр ищӀэж пэтми, и лъэр хущӀэкӀыртэкъым.
Зэпымыууэ зэгупсысыр Алмэжант.
«Укъыдэнэжащ» къыжраӀэ пэтми, зыгуэр къишэну яхутемыч щӀалэм зылъыхъуар къигъуэтам хуэдэт.
Илъэс пщыкӀуий ирикъуатэкъым иджыри Алмэжан.
Курыт школыр фӀы дыдэу къиуха къудейт, университетым щӀэтӀысхьэн и мурадт.
Зыхуеджэну къыхиха дохутыр ӀэщӀагъэм и насып хэлъу къилъытэжат, гъуэгу тету ирихьэлӀэу сабийр гузэвэгъуэм къызэрыхихыфам папщӀэ.
КъуажэкӀэм къикӀыу, къуажапщэм щыпсэу и шыпхъу нэхъыжьым деж жэщ зытӀущ щыӀэну Алмэжан а махуэм къызэрыкӀуам щыгъуазэт МэчрэӀил.
Щхьэусыгъуэр хьэзырыххэти, фӀыщӀэ хуищӀыну жиӀэри, зыхуигъэзащ.
Зэпсэлъащ...
Нэхэр зэплъащ...
Гухэр лъагъуэ щэхукӀэ зэрыщӀащ...
Лъагъуныгъэ яӀуэтакъым...
МэчрэӀил хъыджэбзым сэлам ирихыжу и шы дахэм щышэсыжам, Алмэжан абы кӀэлъыплъурэ и гум зэригъэзэхуахэри щӀалэм асыхьэтым ищӀакъым...
Аргуэру зэхуэзащ.
Алмэжан и шыпхъум я жыг хадэшхуэм итт а тӀур.
ГушыӀэрт.
Нэхэр зэплъырт, гухэр зэрыщӀэрт.
— ЕджакӀуэ умыкӀуэ, — жиӀэрт МэчрэӀил.
Алмэжан ар къыгурымыӀуэу «седжэнущ» жиӀэрти и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт.
Школым къыщыдеджауэ езым и ныбжьу махуэ къэс и
нэӀурыт щӀалэжь цӀыкӀухэм я лъагъуныгъэ мышыум теухуа гушыӀэ гуэр зэхиха мыхъум, Алмэжан гухэлъ хуиӀуатэу зыми епсэлъатэкъым.
ИкӀи хъыджэбз пылъыным зигу къиуӀа МэчрэӀил дежкӀэ гугъутэкъым мо хъыджэбз щӀалэ гу пцӀанэм гунэс зыщищӀыфу епсэлъэныр.
Зэ Ӏуплъэгъуэ лъагъуныгъэ жыхуаӀэм хуэдэ хъуат МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я гурыщӀэри, тӀури къилыпщӀу пщтырт.
Зэрыжылэуи къыдащӀэ хъуат ар.
Я бжьыхьэкӀапэ зэпыту псэу МэчрэӀил и шыпхъумрэ Алмэжан и шыпхъумрэ зэблагъэу забжыжауэ зэхуэгуапэт.
Алмэжани еджакӀуэ мыкӀуэу къэнат, илъэс пщыкӀуий ирикъумэ МэчрэӀил ишэну къытригъэхьэри.
Лъагъуныгъэшхуэ зыщӀа хъыджэбз щӀалэ дахэр, и гурыщӀэ къабзэм дыхэхъуэм хуэдэу, зэуэ и пӀэ иуват и теплъэкӀи и хьэлкӀи.
Лъакъуэ лъагэрэ пкъыфӀэ хъужауэ ар уэрамым къыщыдыхьэкӀэ, къуажэ щӀалэр къыкӀэлъыплъырт, ауэ зыми кърикуртэкъым — псоми ящӀэрт МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ быдагъэ яку зэрыдэлъыр.
А тӀур апхуэдизкӀэ зыхуагъэфащэрт, я лъагъуныгъэр апхуэдизкӀэ къабзэу, лъэщу ябжырти, уеблэмэ, зэрыжылэу абы дэбжьыфӀэ къафӀэщӀырт.
Езыхэри лэжьыгъэфӀкӀэ зи цӀэ къаӀэт къуажэ щӀалэгъуалэм ящыщт.
МэчрэӀил гъэш фермэ къыкӀэрыхуар илъэситӀ иримыкъум къиӀэтыжат.
Алмэжани, еджакӀуэ мыкӀуэу къыщынэм, къуажэ тыкуэнышхуэм гъэсэну щӀэувэри хъарзынэу хэгъуэзарэ и гъэсакӀуэми текӀуэжауэ еуэ иригъэшхыу лажьэрт, и бзэм и ӀэфӀагъымрэ и Ӏэм и псынщӀагъымрэ жьыри щӀэри дихьэхауэ.
Апхуэдэурэ илъэси, илъэситӀи дэкӀащ.
ЦӀыхухэм къызыпхадз хъуащ «Уа мы тӀум я лъагъуныгъэр мафӀэ бзийуэ къэлыду химысхьэж щӀыкӀэ щхьэ зэрымышэрэ...», — жаӀэу.
Пэж дыдэу МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я Ӏуэхур, къызэрежьам еплъытыжмэ, тӀэкӀу кӀыхьлӀыхьыӀуэ хъуа хуэдэт.
И пӀэм фӀыуэ иуджыхьа, тежыпӀыхь хъунум хуэдиз зытражыӀыхьа лъагъуныгъэр моуэ щӀэундэрэбжьа къыпфӀэщӀынут.
Ауэ Алмэжан ар зыкӀи зэхищӀэртэкъым.
КъыщыхуэкӀуа махуэм щегъэжьауэ нэхъри пщтыр хъуурэ зэщӀэплъэрт абы МэчрэӀил хуищӀа гурылъ къабзэр.
Пэжу, ар и закъуэ щыхъукӀэ, зэзэмызэ и щхьэм къищхьэрыуэрти егупсысырт: «СылӀэм и гъунэщ жиӀэри еджакӀуэ сигъэкӀуакъым, атӀэ иджы...
ЗыкъызимыгъащӀэ щхьэкӀэ, игу зыгуэркӀэ збгъэдэкӀыжауэ пӀэрэ?..
Сыт гурымыхьу къыздилъэгъуа?
Ба къысхуищӀыну къыщызикуам, «унапэншэщ» жесӀэу сыкъызэрыщӀэпхъуэжар хуемыгъэхыу иджыри къэс игу илъу пӀэрэ?
АтӀэ зыхуезгъэщӀам нэхъыфӀт?
Папэ и шыпхъум ипхъу Людэ зы махуэ къалэм къикӀыу щыдихьэщӀам имыбзыщӀыххэу жиӀати я ебгъуанэ классым ба зыхуамыщӀа хъыджэбз цӀыкӀу щӀэмысыжу.