audio
audioduration (s)
0.36
90.3
text
stringlengths
5
848
Уи япэ дыдэ бар дыгъуауэ, хабзэншэу дауэ?..
Сэ ар къызгурыӀуэркъым.
Узымейм и Ӏэ дауэ зэбгъэӀусэн?
Ар тхьэм жимыӀэкӀэ.
«Унапэншэщ» зэрыжесӀари тэмэму сщӀащ.
Сепсэлъэжыххэнуи си гугъакъым, «узгъэунэхуну арат» жиӀэу мазэкӀэ лъаӀуэу къыскӀэлъимыкӀухьам.
Пэжу, иужькӀэ апхуэдэ лъэпкъ къыхигъэщыжакъым.
Ауэ зы пӀалъэм адрейр щхьэ къыпищэрэ?
СигъэфӀэӀуну ара?
Е а Налшык дэс щӀалэр зыпызмыгъэкӀамэ нэхъыфӀу пӀэрэт?..
Дауи, къимыгъэгугъэу си ужь къихьатэкъым ар.
«Уэлэхьи, а тӀум я лъагъуныгъэр быдэр пэжкӀэ, схуэмыкъутэмэ», — жиӀауэ жаӀэрт.
ЛъэкӀи къигъэнакъым.
Тхьэ, мами сритынутэм.
Кандидатщ, къалэм фэтэр бэлыхь щиӀэщ, уигъэтыншынущ — Ӏэджи къысхурагъэкӀуэкӀырт.
Абы щымытхъуи срихьэлӀатэкъым.
Ауэ сэ нэгъуэщӀым сыхуейкъым...
МэчрэӀил фӀыуэ солъагъу...»
МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ япэу щызэрылъэгъуа гъатхэ махуэ дахэм хуэдэт ноби.
ЛэжьакӀуэ мыкӀуэу дэсыну пэтрэ, а пщэдджыжьым Алмэжан жьыуэ къэтэджат.
Абы къыпэплъэрт я фермэщӀэм и пщӀантӀэм щыхасэну МэчрэӀил сымэ къаша щихущӀэ цӀыкӀухэм ящыщу езым къылъысахэр.
Ар къыхуэзышар езы Алмэжан псым къыхихыжа Алик цӀыкӀут, МэчрэӀил къритри.
Махуэ зыщыплӀ хъуа пэтми, хисэну хунэмысу, я лъабжьэм щӀы тӀэкӀу зэрытритхъуауэ, щылът щиху цӀыкӀухэр.
Зырызу ибжурэ, щихухэр Алмэжан щӀы щабэм къыхелъэф.
Ахэр тӀощӀ мэхъу.
Алмэжани пщэдей илъэс тӀощӀ ирокъу.
Илъэс тӀощӀ, щиху тхьэӀухуд цӀыкӀу тӀощӀ...
МыбыкӀэ къызэхъуэхъуауэ аращ.
ГукъэкӀ дахэ зэриӀэ.
Илъэс тӀощӀ сызэрыхъур игу къэкӀыжри тӀощӀу къригъэшащ.
«Илъэс тӀощӀ срикъумэ итӀанэ...» — щыжысӀэкӀэ, езым ар фӀэжыжьэти...
Я уэрамыбгъум декӀуэкӀыу Алмэжан щиху псыгъуэ лантӀэ цӀыкӀухэр сатыр захуабзэу хисэрт, ятӀэр щӀиубэжырти бгъэдэувэрт.
Хэт езым хуэдизт, хэти нэхъ лъагэт, хэти нэхъ лъахъшэт.
Алмэжан щихухэр хисэрт.
Адэ зы щӀыпӀэ, Бахъсэн Ӏуфэ бжьэпэм деж щыпсэу и шыпхъум я унэ къыщыщӀэпхъуауэ абы къыхуэжэрт зи гур къилъэтыкӀ хъыджэбз цӀыкӀур.
Мо гъатхэ пщэдджыжь дыгъэпс дахэм дэгуфӀэу, махуэщӀэ кърагъэблэгъам кӀэлъыубзэж хуэдэ уэрэд къизыш бзу цӀыкӀухэм я макъым щӀэдэӀуу, лъагъуныгъэ къабзэр и дамэрэ дунейм зыщимыгъэнщӀу гуфӀэ хъыджэбз тхьэӀухудым сыткӀэ ищӀэнт къыхуэжэм къыхуихь хъыбарым езым и гъащӀэ псор зэриӀэмырыр.
ЩӀыпцӀэ щабэм псынщӀэ дыдэу щихухэр хисащи тӀу къэс зы псы пэгун ящӀикӀэжурэ къыздрикӀуэм, Алмэжан йогупсыс: «Мыр зэфӀэкӀым мамэ сыдэӀэпыкъунщ, унэхэр зэлъыӀусхынщ, кӀэртӀоф дыхэссэнщ, шэджагъуэнэужьым, си бостеищӀэмрэ туфлъэ хужьымрэ сщыгъыу си шыпхъум я деж сыкӀуэнщ, МэчрэӀил щыдэскӀэ и шыпхъум я деж къэкӀуэнщи дызэхуэзэнщ.
Сыхьэт дапщэ къэнэжар ар слъагъуным...
Сыхьэтий, хьэуэ, куэдыӀуэщ, блы, хы, тху...»
Алмэжан мэгупсысэ, хъыбар къэзыхь хъыджэбз цӀыкӀур къоблагъэ...
Щиху цӀыкӀухэм псы щӀэкӀэныр иухащ.
НэщӀ хъуа пэгуныр Ӏэ сэмэгум ӀэщӀелъхьэри жыхапхъэр къищтауэ жыг лъабжьэхэр зэхуэдэ ищӀу щабэ дыдэу, дахэу трелъащӀэ.
Гъуэгу тетыр къэсащи кӀийуэ къыхуожэ:
— Алмэжан, алыхьым щхьэкӀэ уимылӀыкӀ, Алмэжан.
Мамэ уилӀыкӀыну жиӀащи, алыхьым щхьэкӀэ уимылӀыкӀ.
— Сыт къэхъуар, хэт лӀар, хэт сызэрылӀыкӀынур? — къэщтауэ жьэхоплъэ ар и пащхьэм бауэ-бапщэу къит хъыджэбз цӀыкӀум.
— Зыри лӀакъым.
МэчрэӀил фыз къишащ.
Ди гъунэгъу и шыпхъум деж кърихьэлӀащ.
НысащӀэр нышэдибэ щхьэгъубжэм къыдэплъу слъэгъуащ.
ДахэӀейщ.
Ауэ уэ нэхърэ нэхъ дахэкъым.
Зы махуэ Фаризэтхэ къэкӀуауэ слъэгъуа хамэ къуажэ хъыджэбз хьэщӀэращ къишар, Фенэ и цӀэу...
Джэгу щащӀам МэчрэӀил къыдэуджащ, пылъащ, жери мамэ зэгуэпат.
Иджы магъ, сунэхъужащ.
Алмэжан илӀыкӀынущ жери.
Сэ имыщӀэу сыкъэжащ...
УимылӀыкӀ, кхъыӀэ, Алмэжан, уимылӀыкӀ...
Алмэжан дияуэ щытщ.
Зыри жиӀэркъым.
И нитӀыр къижу йоплъ хъыбар къыхуэзыхьам.
Пэгуныр ӀэщӀоху, жыхапхъэр илъэфурэ пщӀантӀэм дохьэжри гуэщ блыным йощӀ.
Анэм къелъагъури къыпожажьэ.
— Сыт къэхъуар, сыт къыпщыщӀар, Алмэжан?! — анэ гужьеям зи фэр шэхуу пыкӀа пхъур зэщӀеубыдэ.
— Мамэ, зо, мо делэжь цӀыкӀум пцӀышхуэ зэриупсыр пщӀэрэ уэ.
СыгъэукӀ а Ӏейр.
МэчрэӀил фыз къишащ, жи.
Дауэ, Ӏей, къызэришар?! Сэ сымис...
Нажэ, мамэ, Мэчрэ
Ӏилхэ.
Къиша фызыр Бахъсэныжь хэдгъадзэ.
Хэт, Ӏей, къишари, сэ сымис.
Нажэт, зо, псынщӀэу...
Алмэжан ерагъкӀэ унэм щӀашэжри ягъэгъуэлъ.
Дохутыр къраджам мастэ къыхиӀуащ, зыгуэри иригъафэри и щхьэр игъэкӀэрахъуэурэ щӀэкӀыжащ.
ЩӀэупщӀакӀуэ къыщӀыхьэхэм Алмэжан йоупщӀ: «МэчрэӀил фыз къишауэ жаӀэри, пэж?
Хэт къишэнур, сэ сымис.
ИригъэкӀыжакъэ иджыри?
Бахъсэныжь къиурэ ихьмэ арат къишар.
ИтӀанэ МэчрэӀил сэ сишэнут.
Е сиша?
Сишамэ, мыбдеж щхьэ сыхэлъ?!
ДывгъакӀуэ, МэчрэӀилхэ»...
— къэтэджыну къыщеӀэкӀэ яубыд.
Ауэрэ тоужри тӀэкӀу щхьэщокӀ.
Нэщхъей дыдэу мэмамырыжри диям хуэдэу хэлъщ.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, и анэм Ӏэдэбу къоупщӀ: «Сыт, мамэ, къысщыщӀар, сыт сыщӀыхэлъыр?» ИтӀани хэзэрыхьыжынщи аргуэрыжьщ.
«МэчрэӀил къишар псым ихьащи хьэдагъэ дыгъакӀуэ», — жери къащохьэ.
Зэми нысащӀэ зещӀри щхьэтепхъуэр къепхъухауэ пӀэкӀум къотӀысхьэ.
Аргуэру «МэчрэӀил си лъагъуныгъэр сфӀидыгъуащи судым естынущ», — жеӀэ.
Я хьэр зэрыбанэу «Си фызышэр къэсащ, сыфхуапэ», — жеӀэри къотӀыс.
Къуажэм зэуэ дэз хъуащ Алмэжан и хъыбарыр.
Хэт хэпсэлъыхьу, хэти делэ хъупарэ зауэ-банэу, гъуэлъыпӀэм ипхауэ яӀыгъыу жаӀэрт.
Куэд мыщӀэу Алмэжан хэпсэлъыхьыныр щигъэтащ.
Ауэ укӀытэрти и щхьэр къиӀэтыртэкъым.
ЩӀэупщӀакӀуэ къакӀуэӀауэ фӀэфӀтэкъым.
«И делагъым щӀэщтэжащи аращ, уэрамым къыдыхьэжын мэукӀытэ, зэӀыхьауэ зэрыщытам щхьэкӀэ», — жаӀэрт Ӏуэхум щымыгъуазэхэм.
Ауэ и акъылыр зэтеувэжа щхьэкӀэ, Алмэжан щхьэ уз бзаджэ къыхуэкӀуати къигъэтэджыртэкъым.
Ауэрэ Алмэжан и хъыбарыр къуажэм нэхъ яжьэдэхужащ.
МэчрэӀил хуэшхыдэни щагъэтыжащ, къиша нысащӀэр медсестрати, къуажэ сымаджэщым щылэжьэн зэрыщӀидзэу Ӏэпэ щабэ дыдэри, зэкӀэлъыкӀуэри, нэмысыфӀэри хужаӀэу щӀадзащ.